📕 ИлъэсыщIэм лъэбакъуэфIкIэ дыпежьэри, зы лэжьэгъуэ махуэм и пщэдджыжь дыгъэпсри гуапэу дигу къинащ.
📕 Ди лэжьэгъу журналист зэчиифIэ, тхакIуэ, усакIуэ Iэзэ Чэрим Марианнэ и тхылъыщIэр зэIэпытхыу деджэу едгъэжьащ 2025 гъэр.
📕Жанр щIэщыгъуэкIэ тха «Зэшыпхъуибл» тхылъ цIыкIур апхуэдизкIэ дигу дыхьати, дызэхуэсри дытепсэлъыхьащ.
📕 «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу ЩхьэщэмыщI Изэ, Гугъуэт Заремэ, Багъэтыр Луизэ, Къаныкъуэ Анфисэ, Къарей Элинэ, езы Марианнэ, сэ хьэрфым, псалъэм зэхуиша зэшыпхъуибл хуэдэу дызэрихьэлIэри, «литературэ пщэдджыжьышхэ» зэдэтщIащ.
Тхыгъэм фыкъыщеджэ нобэ къыдэкlа «Адыгэ псалъэм»
https://smikbr.ru/arhiv/2025/ap/01/24.pdf
Нэщlэпыджэ Замирэ.

🪶 Гум хуэбгъадэр гум къеуамэ, дыгъи мази къыкъуэкIыжкъым.
🪶 Лъагъуныгъэ зыхуэчэмым дэплъагъункъым псэ IэфIагъ.
🪶 Ирипсалъэм и лъагагъырщ бзэ къэс и зэфIэкI зыIэтыр.
🪶 ПщафIэм ещхьщ усэрыпсалъэр – Iэзэщ, зыхилъхьар IэфIыху.
🪶 Сыти хэлъхьэ, IэфI щыхъунур зыхуупщэфIыр фIыуэ плъагъумэщ.
🪶 Гъуэгу темыхьэр хущIогъуэж зэримыгъэунэхуам и лIыгъэр.
🪶 ГъащIэр пхъуантэщ, псэм зэрихьэу, фIыкIэ блажьэмэ, нэхъыфIкъэ?
🪶 Зыми имыхьэлъэ ихькъым – дунейм цIыхуу тетыр зэшщ.
🪶 Лъэщщ цIыхупсэр, и пэж хъуаскIэр мыункIыфIу иIыгъыхукIэ.
🪶 Уи гур уи фэм лIыщIэ хуэпщIмэ, уи псэр хэт зыщыгугъынур?
Мыпхуэдэ псалъэ шэрыуэхэмрэ жыlэгъуэ купщlафlэхэмкlэ тха иджырей псысэщ «Зэшыпхъуиблыр».
P.S. Тхылъыр редакцэм къыщывгъуэтынущ (Дом Печати, Ленина, 5)

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ модельер ц1эры1уэу щыта Шортэн зэанэзэпхъухэу Светланэрэ Мадинэрэ я лэжьыгъэхэр. Утыку кърахьащ Шортэн Светланэрэ Мадинэрэ я 1эдакъэ къыщ1эк1а адыгэ ц1ыхубз фэилъхьэгъуэхэр.
Щ1алэгъуалэм я унэм и утыкум щ1ышылэм и 27-м щек1уэк1ащ Урысейм и зауэл1 щ1ыхьым и махуэр – Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуак1уэхэм къалэр совет зауэл1хэм къызэры1эщ1агъэк1ыжрэ илъэс 81-рэ зэрырикъум теухуа 1уэхур.
⚜ Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэ К1ыщокъуэ Алим дунейм зэрехыжрэ илъэс 24-рэ щрикъум ирихьэл1эу пэк1у щек1уэк1ащ.
⚜ К1ыщокъуэм и ц1эр зезыхьэ уэрамым тет Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж, гъэ къэси хуэдэу, ц1ыхушхуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт жылагъуэ, политикэ 1уэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьак1уэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усак1уэм и благъэхэр, 1ыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, и усэхэр ф1ыуэ зылъагъухэр.
⚜ Зэ1ущ1эр и к1эм щынэблагъэм, К1ыщокъуэ Алим и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Зэхыхьэм хэтахэр к1уащ Алим къыщалъхуа, щыщ1алъхьэжа Щхьэлыкъуэ къуажэм, абы дэт усак1уэшхуэм и фэеплъ музейм. Аращ щахъумэр усак1уэм къыщ1эна хьэпшыпхэр, сурэтхэр, тхылъхэр.

This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
«Зэшыпхъуиблым» щыщ пычыгъуэ!
Зытхар @Чэрим Марианнэщ
Къеджэр @Гугъуэт Заремэщ

Къеджэр Багъэтыр Луизэщ
Зытхар @Чэрим Марианнэщ
Къеджэр Багъэтыр Луизэщ