tgoop.com/ShipsaPsori/2481
Create:
Last Update:
Last Update:
***
ЩIымахуэ жьычым жиIэр пэжщ
«Мы зэкIэ ущIэмыкI уи пэш…
ЗыщIэдэIукIи зыущэху,
УзыхущыщIэхэр къэпщIэху…»
…Мы щIымахуэкIэр сэркIэ тыншщ.
И уэсыр псалъэу къызетыж…
Хэплъыхь-Iыхьэншэу зэм сыщос.
КъызэщIоблэжри, усэу къос…
ЩIымахуэр къепсыха къудейщ.
Къудамэу жыгым сыщытет
Гъатхэпэ тIэпIыр къызощIэж.
Зыхэтым гъащIэ ищIэр пэжщ.
ЗыIутыр псэ хэдэну хуитщ:
Ер фIым зэблихъуу пащхьэм къитщ.
Си гъуэгущхьиблыр схузэхокI.
СыдэшэсыкIыуи нэгум щIокI…
Къаныкъуэ Заринэ
9.02. 2025
BY Зарина Канукова Къаныкъуэ
Share with your friend now:
tgoop.com/ShipsaPsori/2481