tgoop.com/bgiris_gurbian/1587
Last Update:
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и уэсятхэм щыщщ "Жьабзэр лӏыкӏуэ фщӏы" жыхуиӏэр. Абы къикӏыр аращи, цӏыхум и бзэр къыщыдэбзэкӏэ ӏэху зэрынар псалъэкӏэ зэфӏихын хуейщ. Ауэрэ адыгэм ди зэпсэлъэкӏэм соплъыри "псалъэкӏэ зымыщӏэр ӏэштӏымкӏэ мауэр" жыхуиӏэ псалъэжьыр сигу къокӏыж. Зи щӏэныгъэм щыгугъыжу уэршэр хыхьар щӏэныгъэншэу къыщӏэкӏамэ, ар абы и щӏыӏужкӏэ тэмакъкӏэщӏмэ, псалъэмакъ къызэрыхъунур ӏупщӏщ.
Мыпхуэдизыр жызэзыгъыӏэр зы чат гуэрым деж кӏахэ щӏалэ гупрэ къэбэрдей щӏалэ гуэррэ я зэдэуэршэрыкӏэ хъуар слъэгъуати аращ. Уэршэракӏуэхэм я псалъэкӏэр зыи хъуакъым. Кӏахэхэмрэ щхьагъэхэмрэ дызэгурызымыгъэӏуэн куэд къапсэлъащ. Фи губжь фымышэсыфынумэ, жьабзэр лӏыкӏуэ фхуэмыщӏынумэ, зым адрейм худэвмычыхыфынумэ жылэ утыку фыщымыпсалъи нэхъыфӏщ. Щӏэныгъэншагъэм и гугъу сщӏыхэкъым.
BY Bgiris gurbian
Share with your friend now:
tgoop.com/bgiris_gurbian/1587