tgoop.com/bgiris_gurbian/1590
Last Update:
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Шыбзыхъуэхэ ди тхыдэр генетикэкӏэ джыным сыпылъщ. Алъандэрэ Шыбзыхъуэ унэцӏэр зезыхьэу цӏыхухъу 18-м тест ттащ. Абы щыщу Тыркумкӏэ щыӏэ Мэкэней адыгэ къуажэм, Гъумаркыт абазэ къуажэм, хэкумкӏэ щыӏэ джылахъстэней Ботэщей къуажэм щыщ Шыбзыхъуэхэм зэхуэдэу Т гэплэгрупэр къагъэлъэгъуащ (мыр адыгэм мащӏэ дыдэущ дызэриӏэр). Тӏэкӏу генетикэбзэ зыкъэсщӏынщи, 37 маркерым нэс тест зыта лӏищри зы мутацэ фӏэкӏ зэрамыгъэхьу зэтохуэ. Абы къикӏыр аращи, Мэкэней, Гъумаркыт, Ботэщей Шыбзыхъуэхэр зэунэкъуэщщ, дыгъуасэ хуэдэу зылӏ къытекӏащ.
Зэунэкъуэщ зэрыгъуэтыжахэр ӏонлайну зэрыцӏыхуащ, дяпэкӏи зэрыщӏэну, зэхуэзэну, зэкӏэлъыкӏуэну ягу илъщ. Зауэм, истамбылакӏуэм зэкӏэщитхъахэр генетикэм зэрегъэгъуэтыж.
Ар дыдэр Тхьэм псоми насып тхуищӏ.
BY Bgiris gurbian
Share with your friend now:
tgoop.com/bgiris_gurbian/1590